Вторник, 19.03.2024, 09:23
| RSS
Главная | Регистрация | Вход

Меню сайта
Наш опрос
Дэнэ фыздэщыщхэр
Всего ответов: 419
Другие сайты
  • ГРТК "Адыгея"
  • Адыгэ хэку
  • Вести КБР
  • Elot.ru
  • Адыги
  • Хабзэ. Адыгэ псалъэжьхэр (Iущыныгъэм, гъэсэныгъэм. щIэныгъэм теухуауэ) / Черкесские пословицы (о наставлении, воспитании, знании)

    А сигу, зыlэжьэ, а си жьэ, зубыд.
     
    Абдж щыкъуейм лъапцlэу ухэмыувэ.
     
    Абы бгым зыщидзыжмэ, уэ вийкlэ увэну? («Умыфыгъуэ, умыижэ» жыхуиlэщ).
     
    Адыгэ и хьэщlэ быдапlэ исщ.
     
    Адыгэ мыгъуэ шыгъурэ пlастэрэ.
     
    Адыгэм и ныбэ егъэныкъуэри и шым и ныбэ ирегъэкъу.
     
    Адыгэм и хьэщlэ и щlасэщ.
     
    Адыгэм я нэхъ тхьэмыщкlэри бысымщ.
     
    Адыгэр нэмысщ, урысыр насыпщ.
     
    АдрыщIым ущIэдэумэ, мыдрыщlыр къыплъысынщ.
     
    Ажалым пхъуантэ кlуэцIми укъыщигъуэтынщ. («Умыкъэрабгъэ» жыхуи1эщ).
     
    Ажалым умылъыхъуэ, езым укъигъуэтынщ.
     
    Акъыл зимыIэм насып иIэкъым.
     
    Акъыл зимыIэм уэуейр ептын?! («Акъылыншэми удызекlуэфын хуейщ» жыхуиlэщ).
     
    Акъыл зиIэм шыlэ иlэщ. Акъыл зиlэр еджэнкlэ ирикъуркъым.
     
    Акъыл зиlэр акъылыншэми йочэнджэщ.
     
    Акъыл зиlэр си щlыб ису къезухьэкI.
     
    Акъылым и лъапсэр чэнджэщщ.
     
    Акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым.
     
    Акъылыр къалэнкъым, хабзэр убзэнкъым.
     
    Акъылыр лэндыщэщ, гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ. (Лэндыщэ-дыщэ зэрылъ).
     
    Акъылыр Iуэхум и лъапсэщ.
     
    Акъылыр ящэркъым, къащэхуркъым - зыхалъхьэ.
     
    АкъылыфIэм делэми бзэ къыхуегъуэт.
     
    Алыхьым ущыгугъми, умыбэлэрыгъ.
     
    Алыхьым ущыгугъыу уи гугъэ умыгъэтlылъ.
     
    Анэм лъэгу щIэтын зыхуэщI.
     
    Анэм «сипхъу закъуэ и псэ» щыжиIэм, пхъуми «си псэ» жиlэу хуежьащ.
     
    Анэмэтым хъейнэт ухуэмыхъу. («Дзыхь къыпхуащlу къыпlэщlалъхьэм уемынэцIыж» жыхуиlэщ. Х ъ е й н э т - епцIыжыныгъэ, енэцIыжыныгъэ).
     
    Анэ зыщытхъур и бынщи, быныр зыгъэдахэр къабзагъэщ.
     
    Ахъшэ мыбж зэlахыркъым.
     
    Ахъшэр уи анэ къуитми, лъытэ.
     
    Ахъшэр щэ бжыгъуэщ.
     
    Бажэм и кlэр пlыгъыу тепыхьэ. («И кIэр зэрыпlыгъыу пlэщIэкIыжынкlэ хъунущ» жыхуиlэщ).
     
    Бажэм сишх нэхърэ дыгъужьым срешх.
     
    Банэ хуэдэ зэхэплъхьэр данэ хуэдэу зэхэпхыжынщи, данэ хуэдэ зэхэплъхьэр банэ хуэдэ зэхэпхыжынщ.
     
    Банэ хуэдэу къэщтэж, данэ хуэдэу гъэтlылъыж.
     
    Баш ягъэувами, уедэlуэн хуейщ.
     
    Бэдж пэтрэ Iэужь трах.
     
    Бэлэрыгъым гъатхэр къыхуэлъэщ.
     
    Бэлэрыгъыр бэлэрыгъауэ хуозэ.
     
    Бэлэрыгъ и Iыхьэр хьэм фlешх.
     
    Бэлэрыгъыр гъэр мэхъу.
     
    Бэрэ хашэ иш фIокlуэд.
     
    Бгитlыр зэlущIэркъым, цIыхуитlыр зэlуощlэ.
     
    Бгыр Iэмалкlэ якъутэ.
     
    Бгъащхъуэ гушхуар жьындум жьэхэхуэри ишхащ.
     
    Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ.
     
    Бгъеям куэдрэ укIэлъымыгъыж.
     
    Бгъуэ егъапщи, зэ пыупщI.
     
    Бжэр Iупха нэужь ущlеуlун щыIэжкъым.
     
    Бжэщхьэlум нэмыс хьэдрыхэ нolyc.
     
    БжызоIэ, сипхъу, зэхэщIыкI, си нысэ.
     
    Бзаджэ гъусэм мысэ уещI.
     
    Бзаджэ къэзылъху и гуэн лъапэ щlетIэж.
     
    Бзаджэ пщIауэ фlы ущымыгугъ.
     
    Бзаджэ пщIэныр лIыгъэкъым, лlыгъэр фlы пщ1энырщ.
     
    Бзаджэм и нэм хьэкъурт хущlэудэ.
     
    Бзаджэм уи кlэ иубыдмэ, пыупщIи блэкI.
     
    Бзаджэри дахэм егъэlумпlафlэ.
     
    Бзаджэр уи пэшэгъумэ, уи анэ мыгъуэ хъунщ.
     
    Бзаджэр унэхъущ, бзаджэм IущIэри унэхъущ.
     
    Бзаджэр чэнджэщэгъу умыщI.
     
    Бзылъхугъэ пшэрыхь хущанэ.
     
    Бзуушхуэм бзу цIыкlур пэкlэцIыну зэIытхъащ.
     
    Биижь умыгъэблагъи, уи адэ и благъэжь умыбгынэ.
     
    Бийм ущысхьмэ, уlэгъэ ухъунщ.
     
    Бийр къыпщытхъурей хъумэ, умыбэлэрыгъ.
     
    Благъэжь бий умыщlи, псы жапlэжь унэ тумыщlыхь.
     
    БлэбгъэкIым ухущIогъуэж.
     
    БлэкIа хабзэжьым укъемыкъуж.
     
    Блэкlам укIэлъымыджэ. («Хабзэжь кlуэдыжым зыкIэрумыщlэ» жыхуиlэщ).
     
    Блэр зыгъэхуэбэжым йодзэкъэж.
     
    Блэр мэжей жыпlэу и кIэм утемыувэ.
     
    Блэр «пlыщlащ» жыпIэу и кIэм утемыувэ.
     
    Блэр «пlыщlащ» жыпlэу уи гуфlакIэм думыгъэтlысхьэ.
     
    Быдэ и анэ гъыркъым.
     
    Былымым я нэхъ Iэсэри сакъмэ, хьэм ишхкъым.
     
    Быным къыщхьэщыж хабзэкъым.
     
    Бысымыр хьэщIэм и Iуэхутхьэбзащlэщ.
     
    Вы ныш нэхърэ нэщхъыфlэ.
     
    Гуащэ мыхъу жьантlакlуэщ.
     
    Гуащэр гъэрмэ, мэжабзэ, хъыджэбзыр дэсмэ, мэутхъуэ.
     
    Гуащэр зыгъэгуащэр щыгъынщ.
     
    Губгъуэм ущымыкъэрабгъэ, унэм ущымылlыхъужь.
     
    Гугъэ нэпцlыр щхьэгъэпцlэжщ.
     
    Гужьеигъуафlэ унэхъугъуафlэщ.
     
    Гузэвэхыр щlэх жьы мэхъу.
     
    Гунэс ямыщI саугъэт умыщI.
     
    Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс.
     
    Гур кlуэдмэ, лъэр щIэкIкъым.
     
    Гур кIуэдмэ, шыр жэкъым.
     
    Гушхуэ Тхьэшхуэ и жагъуэщ.
     
    ГушыIэкlэ зымыщlэр IэштIымкlэ мауэ.
     
    Гъавэм и ныкъуэ, мэкъум и щанэ.
     
    Гъавэщlэ къыпlэщIэмыхьэу гъавэжьым уемылъэстауэ.
     
    Гъэузи, гъэхъуж.
     
    Гъыным гъын къешэ, нэпсым нэпс къелъху.
     
    Гъуэгуанэ тетым и ади и ныбжьэгъущ.
     
    Гъуэгужьрэ фызыжьрэ умыбгынэ.
     
    Гъуэгум лъыхъуэркъым - щIоупщIэ.
     
    Гъуэгум пкIэлъей ебдзмэ, кIэщI мэхъу. («Гъуэгум хъыбар щыпIуатэмэ, зэшыгъуэ хъуркъым», жыхуиIэщ).
     
    Гъуэгур бэкъуэным хегъэщIри, щIыхуэр тыжыным гъуэмылэпэм еIэзэ, гъуэмылэкIэм езауэ.
     
    Гъуэмылэпэрэ шыпэтесрэ уахуэмыбэлэрыгъ. («Гъуэмылэр щыбублэм деж зэгъэзахуэ, япэ шыр умыгъэсэхъуу дахэ-дахэу гъасэ» жыхуиIэщ).
     
    Гъуэмылэр гъуэгум щыхьэлъэкъым.
     
    Гъунэгъу бий ящIыркъым.
     
    Гъунэгъу зыгъэпудым пудыгъэ къылъос.
     
    Гъусэ бзаджэ пщIыгъуу мыщэм уемыбэн.
     
    Гъусэ дей нэхърэ Iэщэ дэгъуэ. (Дей-Iей).
     
    Гъусэ мыхъумыщIэ нэхърэ гъущIыпэ.
     
    Гъусэ ямыщIынум блэкIрэ пэт йоджэ.
     
    Дакъэжьми хьэщIэ къыкъуонэ.
     
    Данэ хуэдэу зепхьэмэ, данэ хуэдэу зэIыпхыжынщ.
     
    Дахэ жызымыIэм укъигъапцIэркъым.
     
    Дахэ зыхэмызагъэ щыIэкъым.
     
    Дахэ и щIагъ фо щIэлъщ.
     
    ДахэжыIэ нэхърэ дахащIэ.
     
    Дахэм блэр гъуэм къреш.
     
    ДэкIакIэ,- мыхъумэ - дефIэ. («3дегъэкIу, мыхъумэ - фIы зыхуэщIи фIэкI» жыхуиIэщ).
     
    Дахэм и щIагъ дыщэ щIэлъщ.
     
    Дахэм къимыхь Iейм къихькъым.
     
    Дахэр зэмызэгъым IейкIэ бгъэдохьэ.
     
    Дахэр зыгъэдахэр и щэнщ.
     
    Дахэр пагэмэ, пуд мэхъу.
     
    ДаIуэкIейм дэгу уещIри, плъэкIейм нэф уещI.
     
    Дэтхэнэ зы Iуэхутхьэбзэми бзыпхъэ иIэщ.
     
    Делэ лIыкIуэ умыщI.
     
    Делэ пэшэгъу умыщI.
     
    Делэм сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр къысфIокI.
     
    Делэм уи пыIэ ети блэкI.
     
    Делэм ущытхъумэ, пагэ мэхъу.
     
    Дунейр бгъэкIэ пхуэхьынкъым.
     
    Дыгъуэм икIэр мыгъуэ мэхъу.
     
    Дыгъужь мэлыхъуэ ящIрэ?
     
    Дыгъужьыжь кIапэ шхын щигъэтыжа уфIэщIрэ?
     
    Дыгъужьрэ пэт и гъунэгъу едыгъуэжкъым.
     
    Дыгъужьыгъуэм гъэлъхуэщ тращlыхьрэ?
     
    Дыгъужьым и деж хьэщlапlэ укIуэмэ, хьэ зыщумыгъэгъупщэ.
     
    Дыгъужьым и нэр жейми, и гур жейкъым.
     
    Дыгъуэр мыгъуэ мэхъу.
     
    Дыгъури дыгъущ, дыгъур щIэзыуфэри дыгъущ.
     
    Дыгъушхуэри дыгъущ, дыгъy цIыкIури дыгъущ.
     
    Дыхьэшхынми мардэ иlэщ.
     
    Дыщэ уанэ зыгъэжыр гухъум тет псэжьым еупщIыжащ («Iэзэ дыдэми имыщIэ щыIэщ» жыхуиIэщ).
     
    Джатэм пиупщlыр мэкIыжри, жьэм пиупщIыр кIыжкъым.
     
    Джатэм и щIагъи пэжыр жыIэ.
     
    Джэгур уджкIэ яух.
     
    Джэд пасэрэ бын пасэрэ.
     
    Джэджьей зеуалэ псывэ хоупIэ.
     
    Джэду щысу шыпсэ умыIуатэ.
     
    Джэлар къэгъэтэджыж, лIар щIэлъхьэ.
     
    Дзей хуэщlэ фlыщlэ хэлъкъым.
     
    Дзы зиIэм дзы хуаlуатэркъым.
     
    Дзы зыфIэпщ дзы къыпфIещыж.
     
    ДзыхьмыщI дзыхьщIэгъу умыщI.
     
    ДзыхьмыщIыр дзыхьщlыгъуэджэщ.
     
    Е лъыхъуэр ем ехьыж.
     
    Е пщIауэ фIы ущымыгугъ, фlы пщIами ущIэмыфыгъуж.
     
    Е улIын, е улIэн.
     
    Ебгъэжьэжыным нэхърэ ебгъэблэгъэныр нэхъ тыншщ.
     
    Егъэлей делагъэщ.
     
    Егъэлеяуэ пшхымэ, фори ткlыбжьщ.
     
    Еджэным кIасэ иIэкъым.
     
    Езым имыщIэми зыщIэм едэIур делэкъым.
     
    Езым хуэдэлI зыубым лlыгъэ хэлъкъым.
     
    Ем улъыхъуэу зыпумышэ, зыкъыпщишэмэ, умыдзыхэ.
     
    Емыджа егъэджакIуэ хъуркъым. 
     
    Емыджар нэфщ.
     
    Емызэш и уанэ къехьыж.
     
    Eмыкlyp зылэжьым дежкlи емыкlущ, еплъым укIытэгъуэщ.
     
    EмыкIyxь кIуэри Iыхьэ дауэ зыщIри зэхуэдэщ.
     
    Ептар иумыхъуэныж.
     
    Есэ сэгъейщ.
     
    Есыкlэ умыщIэмэ, хым ухэмыхьэ.
     
    Еущий зы махуэщ, хабзэ хьэху махуищщ.
     
    Жагъын зиIэм баш и хущхъуэщ.
     
    ЖамыIэ щыIэщи, ямыIуэтэж щыIэкъым.
     
    «Жаlащ» жыпlэу умыщlэ уримыпсалъэ.
     
    Жэмрэ вырэ зэхуотэдж.
     
    Жэмыр гъэшыфIэми ирикlутыжмэ, сыт и пщlэ?
     
    Жэнэтыр анэм и лъэгу щIэтщ. («Уи анэ уедаIуэмэ, насыпыфlэ ухъунщ» жыхуиlэщ).
     
    Жэщ къыптехъуэу уемыжьэу нэху къыптещэу ежьэ.
     
    Жэщу плъэгъуа хъыджэбзым пщэдджыжьым зэ еплъыж.
     
    Жейрэ лIарэ зэхуэдэщ.
     
    Жыжьэ плъэм и адэ илъ ищIэжкъым.
     
    Жыжьэу бгъэтIылъыр благъэу къощтэж.
     
    ЖьантlакIуэу ущымыт, узэрыщыт укъалъагъунщ.
     
    ЖьантIэм ущIэмыкъу - пхуэфащэмэ, къыплъысынщ.
     
    Жьэ лIыкlуэ нэхърэ щхьэ лIыкIуэ.
     
    Жьэшхуэ Тхьэшхуэ и жагъуэщ.
     
    Жьым еубзи, щlэр гъэгушхуэ.
     
    Жьырытэдж шатэшхщ.
     
    Жьыуэ гъуэлъи, жьыуэ тэдж.
     
    Жьыуэ къэтэджамрэ щlалэу къэзышамрэ щlегъуэжакъым.
     
    Жьыуэ тэджым шыщlэхъу хуалъху.
     
    Зауэм уIухьэмэ, уи Iыхьэ Iущlыхь.
     
    Захуэм хабзэр и телъхьэщ.
     
    Зэ жыпIэнум тIэу егупсыс.
     
    Зэгурыlуэ гущэщ.
     
    Зэгурыlуэ я Iуэху псынщIэщ.
     
    Зэгурымыlуэ гуIэгъуэ къешэ.
     
    Зэзэуэрей адакъитI пшэр хъуркъым.
     
    ЗэпхъуэкIмэ, нэхъ Iейр нэхъыфIкIэ хъуэж.
     
    ЗэрыпщIу мыхъумэ, зэрыхъуу щIы.
     
    Зэхэпх псор уи фlэщ умыщI.
     
    Зэхуэгъафlэ зэфIэкIуэд къыхокI.
     
    Зэхуэзыщ1э зэщIэнэкIэжкъым.
     
    Зэщыгугъ мэунэхъу.
     
    ЗэщыIугъэху мыужьгъэ пIастэ яшх.
     
    ЗекIуэкIейм лъашэ уещIри, дыхьэшхыкIейм Iушэ уещI.
     
    Зи бзэ быдэм насып иIэщ.
     
    Зи бзэ IэфI щынэр мэлитI ящIоф.
     
    Зи бзэ IэфIым блэр гъуэмбым къреш.
     
    Зи бысым зыхъуэжым чыцIыхъу xyaукI.
     
    Зи жьэ зэIумыщIэм я гухэлъ зэрыщIэркъым.
     
    Зи жьэ псынщIэм пащIэ ныкъуэ къихьыжыркъым.
     
    Зи куэбжэ укъыдэзымыгъэкIыжым и унэ умыкIуэ.
     
    Зи мыIуэху зезыхуэм и щхьэм баш тохуэ.
     
    Зи нэхъыжь едаIуэ и Iуэху мэкIуатэ.
     
    Зинэхъыжь зымылъытэм и щхьэ илъытэжкъым.
     
    Зи псалъэ кIэщIым и бзэр IэфIщ.
     
    Зи псалъэ нахуэм и напэр хужьщ.
     
    Зи пIалъэ умыщIэ шыкIэ утыку уимыхьэ.
     
    Зи шэгын еблэм бланэр фIокlуэж.
     
    Зи щхьэ илъым и щхьэ урилъытынщ.
     
    Зи щхьэ мыузым уи щхьэ уэ хуумыIуатэ.
     
    Зи щхьэ пщlэ хуэзымыщIыжым пщlэ иIэкъым.
     
    Зи lэпэ уубыдым и lэдакъэ нэгъэс.
     
    Зи lыхьэ зыфIэмащlэм хьэм фlешх.
     
    Зи Iуэ ит нэхърэ зи щхьэ ит.
     
    Зигу мыныкъуэ гуныкъуэгъуэ хуумыIуатэ.
     
    Зигу фlы имылъым и щхьэ фIы къехъулIэркъым.
     
    Зил къыпщlэмыузым уи уз хуумыlуатэ.
     
    Зиш зэхуэмыфlыр IуэхуфI хунэскъым.
     
    Зумыпэсым кlэс къехьри къыдохьэж. («Фэ зумыплъми лlыгъэ къыкъуэкIынкIэ мэхъу» жыхуиIэщ).
     
    ЗумыщIэжмэ, псэлъыхъу кlуэ. («Зыуагъэщlэжынщ, узыхуэдэр уагъэцIыхужынщ» жыхуиlэщ).
     
    Зы жьагъэ тlэу ятрэ?
     
    Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ.
     
    Зы лIым щэ уигъапцlэмэ, уделэщ, зы мащэм щэ уихуэ, унэфщ.
     
    Зы махуаем зумыгъэлl, зы махуэлIым зумыгъашэ, зы дзэхушэм зумыгъэхь.
     
    Зы псалъэм зы псалъэ къелъху.
     
    Зы пцlым пэжищэ егъэулъий.
     
    Зызыгъэгусэ Iыхьэншэщ.
     
    Зызымыщlэжу дыхьэшхыр магъыж.
     
    Зым ищlэр щэхущи, т1ум ящIэр нахуэщ.
     
    Зыр зым фIэмыкIтэмэ, лlы ук1ыным кlэ иlэнтэкъым.
     
    Зыт нэхърэ lызых нэхъ лlыхъужьщ. («Къезытам зэрыхуищlын хуейм щыщтэркъым» жыхуиlэщ).
     
    Зыщытхъур къэгъани яубыр къашэ.
     
    Зыщlэпхьым къыпщlехьыж. («Пщlэ зыхуэпщlым къыпхуещlыж» жыхуиlэщ).
     
    Зы Iэкlэ хъарбызитI пхуэубыдыркъым.
     
    Зы Iэм кIапситI зэпищIэркъым.
     
    Зыlурыдзэ нэхърэ зыдэдзых. («Бгъуэтыр зэуэ зыIурыбдзэ нэхърэ гъэтIылъыгъэ щlы» жыхуиlэщ).
     
    И напэм уемыплъу игу пхуилъыр зэгъащlэ. («И фэкIэ зыкъызэрыпхуищlым зумыгъэгъапцlэ» жыхуиlэщ).
     
    Ибгъэкlыжа фыз умыуб.
     
    ИкIэм упытми зы гуп яхэт.
     
    Имылъ къолъэт. («Фочыр нэщIщ жыпIэу уримыджэгу, узэдауэ и1эу щIэщхъу къызэрыпщыщIын пщIэнукъым» жыхуиIэщ).
     
    Ин жыIэ цIыкIу Iуатэщ.
     
    Иужь акъыл нэхърэ ипэ акъыл.
     
    Куэд жызыIэ нэхърэ куэд зыгурыIуэ.
     
    Куэд зэгъащIэ, умыщIэ умыIуатэ.
     
    Куэд къыубжмэ, уи тхьэмадэжь и цIэри куэдрэ гъым и нэ йогъукI.
     
    Куэдрэ даIуэ, мащIэ Iуатэ.
     
    Куэдщ жыпIэу ущымышынэ, мащIэщ жыпIэу гушхуэ.
     
    Куэдым ущыгугъыу мащIэм зыхыумыгъэн.
     
    КхъуафэкIитIыр зэдэзыIыгъыр псым ехь.
     
    Кхъуейм и хьэтыркIэ пIастэри яшх.
     
    Къазым упэмыкIэцI, джэд цIыкIу!
     
    КъакIуэ и Iыхьэ Iыхьэ хэмыIуэщ.
     
    Къан хуэщIэ фIыщIэ иIэкъым.
     
    КъэкIухьыкIей кIуэдыжыкIейщ.
     
    Къэмыс-нэмыc тIысыпIэ щIэкъущ.
     
    Къиптхъыж нэхърэ умытхъэххэм нэхъыфIщ.
     
    Къоджэр нэхъыжьщ.
     
    Къоджэм кIуэ, уиукIынуми.
     
    Къоджэр нэхъыщIэми, къэгъазэ.
     
    Къотэм етэж, къоуэм еуэж.
     
    Къоуэм уемыуэжмэ, Iэ пфIэту укъищIэркъым.
     
    Къоузым удэгызмэ, узыр мэятэ.
     
    КъохьэлъэкIми, кIэкъинэ зумыщI.
     
    Къочэнджэщыр щIэнакIалъэ умыщI.
     
    Къыдыхьэр думыхуж, дэкIыжыр умубыд.
     
    КъызэреIыпхын щыпщIэкIэ, зэрептыжыни щIэ.
     
    КъыпкIэлъымыкIуэм узыкIэлъигъэкIуэнукъым.
     
    КъыптекIуэ лъэщщ.
     
    КъыптекIуэр гугъущ.
     
    Къыпхуэчэфым къыпхуищIа хуэдэщ. (К ъ ы п х у э ч э ф ы м - къыпхуэнэщхъыфIэм).
     
    «Къысхэхъуащ» жыпIэу ущымыкI, «сIэщIэкIащ» жыпIэу умыгъ.
     
    Къуаншэу ущысми, захуэу псалъэ.
     
    Къуатым и дзэ уемыплъыж.
     
    КъуэфIми къуэ бзаджэми адэ щIэин ухуэмылъыхъуэ.
     
    Къуэшрокъуэр пIащIэри унакъым.
     
    Къуэшыр ущыту къромыгъэщI, ищIмэ, ущIэмыIэж.
     
    Къуий здэщыIэм мажьэ кърахкъым.
     
    КIапсэр кIыхьмэ, фIыщи, псалъэр кIэщIмэ, нэхъыфIыжщ.
     
    КIэпIейкIэр зымылъытэр кIэпIейкIэ и уасэкъым.
     
    КIыфIми укъыщалъагъу, губгъуэми ущызэхах.
     
    Лажьэ жьы хъуркъым. (Л а ж ь э - гукъеуэ, нэщхъеягъуэ).
     
    Лажьэм упежьэу зыпумышэ, зыкъыппишэмэ, умыдзыхэ.
     
    Лей зезыхьэм къыщIэкIуэркъым.
     
    Лым шыгъу тумыудэмэ, мэф.
     
    Лъагъуныгъэр джэгукъым, уджэгуу иумыгъажьэ.
     
    Лъакъуэ псынщIэ вей хэпкIэщ.
     
    ЛъапэкIэ хыфIэбдзэр дзапэкIэ къощтэж.
     
    ЛIам гукъанэ хуащIыжыркъым.
     
    Лlэныгъэм нэхърэ eмыкIум фlэлIыкI.
     
    Лlэным лlыгъэ хэлъщ. Лlы здашэ щlэупщIэркъым.
     
    Лlы и псалъэ епцIыжыркъым.
     
    Лlы и псалъэ тlэу жыIэкъым. («3э жиIакъэ - жиIар игъэзэщlэнущ» жыхуиIэщ).
     
    Лlы и пIалъэ епцIыжкъым.
     
    Лlы ищlа иIуэтэжыркъым. («Лlыр и щхьэ щытхъужыркъым» жыхуиlэщ).
     
    Лlы пхам лlы еуэркъым.
     
    Лlы псори лIыкъыми фыз псори фызкъым.
     
    Лlы хахуэр утыкум щощабэри, лlы щабэр щокlий.
     
    Лlым зигъэгусэркъым.
     
    Лlыбэ батэгъэшщ, шыбэ лlыбэ гъэбжьыфlэщ.
     
    ЛIы Iэщэншэ еуэркъым.
     
    Лlыгъэ тегъэ ищIэркъым.
     
    Лlыгъэм ипэ гупсысэ.
     
    Лlыгъэр Iыхьэ мыгуэшщ.
     
    ЛIым зигъэгусэркъым.
     
    Лlым и лlыгъэр лэгъунэм щиIуатэркъым.
     
    ЛIым фэ теткъым жыпlэу иумыку.
     
    Лlыр лlыуэ мэлlэж.
     
    ЛlыфI и щытхъу кlуэдыркъым.
     
    ЛIыхъужь и лъэужь кlуэдыркъым. («И цlэр, игъэхъахэр къонэж» жыхуиlэщ).
     
    ЛIыхъужьыр зэ лIэгъуэщи, къэрабгъэр тlэу лlэгъуэщ.
     
    Лlыхъур фыз дэубзэщи, лlыбзыр фыз дэуейщ.
     
    Лlыкlуэ яукIыркъым.
     
    Мастэри саугъэтщи, махъшэри саугъэтщ.
     
    МафIэ нэхур «благъэщ» жыпIэу умыкIуэ, хьэ банэ макъыр «жыжьэщ» жыпIэу къыумыгъанэ.
     
    МафIэм уримыджэгу - пIэщIэкIмэ, пхуэубыдыжынкым.
     
    МафIэсрэ псыдзэрэ уадэмыджэгу.
     
    Махуэ гъуэгу утехьэмэ, махуищ гъуэмылэ щтэ.
     
    Мащэм зэ ихуэр набгъэщи, тIэу ихуэр нэфщ.
     
    МащIэм зытебгъэгусэмэ, ари къыплъысыжынкъым.
     
    МащIэр фIыщIэ зымыщIым уэдри фIыщIэ ищIынкъым.
     
    МэжэщIалIэм ерыскъы паубыдыркъым.
     
    МэжэщIалIэр пщогъупщэж, псалъэ гуауэр гум къонэж.
     
    Мэзым пхъэ яшэркъым.
     
    Мэзым щIэт кхъуэри мэпсэу. («ПсэукIэ пщIэн хуейщ» жыхуиIэщ).
     
    Мэзpэ мазэххэрэ уи щэху щумыIуатэ.
     
    Мэкъу мащIи къыумыхь, мэкъубэхьи умыхъу.
     
    МыдаIуэ хьэрылъхущ.
     
    Мыхъуну Iуэхум зумыгъэлIалIэ.
     
    Мычэнджащэ хъарзынэкъым.
     
    Мыщафэ Iэрымылъхьэ гуащэр щумыгъэгугъ, гъусэ мыхъунум ущыгугъыу мыщэм уемыбэн.
     
    Мыщащхьэ плъагъуу мыщэ лъэужь умылъыхъуэ.
     
    Мыщэ жея къыумыгъэуш, лIы мышынэ умыгъэгубжь.
     
    Мыщэ yIaм удэмыджэгу.
     
    Мыщэм ущымыхьэмэ, къыпщыхьэркъым.
     
    Нарт и псалъэ епцIыжыркъым.
     
    Нэ зыдэщымыплъэрэ тхьэкIумэ зыщымыдаlуэрэ, бэн зэвыр мыхъумэ, щыIэкъым.
     
    НэгъуэщIым ишхамкIэ уэ укъэмыкъей. НэгъуэщIым и щытхъум уэ уримыкъей. (У р и м ы к ъ е й - уримыпагэ).
     
    НэгъуэщIым ухуэхъуапсэмэ, уэри бгъуэтынщ.
     
    НэгъуэщIхэм едаlуи, уэ къыпфlэщlыр щlэ.
     
    НэгъуэщIым пэбгъэтlылъа мывэм ущигъэлъэпэрэпэжь къохъу.
     
    Нэмыс здэщымыIэм насыпи щыIэкъым.
     
    Нэмыс пщIымэ, уи щхьэщ зыхуэпщlыжыр.
     
    Нэмысыншэр насыпыншэщ.
     
    Нэмысым насып къыдокlуэ.
     
    Нэмысыр лъэlукlэ къахьыркъым.
     
    Нэпсейр насыпыншэщ.
     
    Нэрылъагъу щытхъу щlыбагърыубщ.
     
    Нэрымылъагъу сату ящIыркъым.
     
    Нэфlэгуфlэ и нэ дыщэ Iуэнтlа щlэлъщ.
     
    Нэхъыжь зымыгъэлъапlэр щхьэ лъапlэгъуэ ихуэркъым.
     
    Нэхъыжь кIэлъыджэркъым - кIэлъокlуэ.
     
    Нэхъыжь теlущIыкlыпlэщ.
     
    Нэхыыжьым жьантlэр ейщ.
     
    Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщIэм гъуэгу ет.
     
    Нэхъыжьыр гъэлъапlи, уи щхьэр лъапlэ хъунщ.
     
    НэхъыкIитIым яхэди, я нэхъыфlыр къыхэх.
     
    НэхъыщIэм ищlыр гъэжьи, нэхъыжьым ищlыр шхы.
     
    Нобэрей Iуэхур пщэдей пумыгъаплъэ.
     
    Ныбэ Iей щыlэ мыхъумэ, шхын Iей щыIэкъым.
     
    Ныбэм илъри лъэрыгъым итри зэхуэдэщ.
     
    Ныбэм «уи адэ и жьакlэ къыпыупщlи къилъхьэ» жеlэ. («Ныбэм уедаIуэмэ, eмыкly къыуигъэхьынущ» жыхуиIэщ).
     
    Ныбэр фэ цIынэ-лы цIынэщи зэlуокI («Куэд иплъхьэ хъуну щхьэкlэ, иумылъхьэ» жыхуиIэщ).
     
    Ныбэрыдзэ нэхърэ щхьэдэдзых. («ГъэтIылъыгъэ щIы» жыхуиIэщ).
     
    Ныкъуэдыкъуэ нэхърэ уэдыкъуа.
     
    Нысэ мыхъунур жьантIажэ мэхъури, мафlэ мыхъунур ищхьэм щолыд.
     
    Пагэм и блыпкъ-блащхьэ къутэгъуафlэщ.
     
    Пагэр мэгыз.
     
    Пащlэ гъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым.
     
    Пэжымрэ насыпымрэ зэгуэшэгъущ.
     
    Пэжыр къыумыщIэу унафэ тумыщlыхь.
     
    Псалъэ бзаджэ губзаджэщlщ, гурыщхъуэ щIыныр хуэмыхугъэщ.
     
    Псалъэ бутlыпщам аркъэн кIэлъумыдзыж.
     
    Псалъэ дахэм гъущlыр къегъэш.
     
    Псалъэ дахэм пщIэ щIаткъым.
     
    Псалъэ мышур шхын мышум хуэдэщ.
     
    Псалъэ щабэ гущабэщlщ.
     
    Псалъэ IэфIыр мэгъущlэри псалъэ дыджыр мэщIытэ.
     
    Псалъэм псалъэ покIуэжри, удыным удын покIуэж.
     
    Псалъэм уемыплъ, къипсэлъым еплъ.
     
    Псалъэр куэдрэ жыпIэмэ, мэ щоу.
     
    Псалъэр куэдрэ бгъэныщкlумэ, IэфI хъужкъым.
     
    Псэлъэрейм едэlуэгъуейщ.
     
    Псалъэшхуэ Тхьэшхуэ и жагъуэщ.
     
    Псапэ куэд хъуркъым.
     
    Псэлъэкlей кlуэдыжыкlейщ.
     
    Псэр ящэри напэ къащэху.
     
    Псы икlыгъуэм унэмысу уи кlэ умыIэт.
     
    Псы къэмыжэм псыхьэлыгъуэ хыумыш.
     
    Псылъэншэу Къурей ихьэркъым. (К ъ у р е й - Кавказ лъапэм щыlэ губгъуэшхуэ гуэрым и цlэщ).
     
    Псым дэсейркъым - йосых.
     
    Псым хэт дзэлыр мэсысри, пщащэр бэрэ дэсмэ, яужэгъу.
     
    Псымрэ мафlэмрэ lэубыдыпlэншэщ.
     
    Псынщlэу ипкIым кlэщlу къегъэзэж. (И п к I ы м - илъым, щlэпхъуэм).
     
    Птам ущlэмыфыгъуж.
     
    Пфlэкlуэдам щхьэкlэ умыгъ, къэбгъуэтам умыгуфlэ.
     
    Пхуэмыдэ пэшэгъум мыгъуэ уохъулlэ.
     
    Пхуэмыфащэ пэшэгъу пщlымэ, уи анэ мыгъуэ ищlынщ.
     
    Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщl.
     
    Пхуэмыхьын иумыхьэжьэ, епхьэжьамэ - нэхьэс.
     
    Пхуэмыщlэн зыкIэрумыщlэ.
     
    Пхъэ щакъутэм къуэщlий щолъей.
     
    Пцlищэ нэхърэ зы пэж.
     
    Пщащэр пагэмэ, ябгынэж.
     
    Пщы хьэхуэгъу-щlыхуэгъу умыщl.
     
    Пщlэ псор жумыlэ, жаlэ псор зэгъащlэ.
     
    Пlэщхьагъ уимыlэу Iуэху умыщlэ. («Iуэху пщlэр икIэм нэгъэс, гъатэмэм» жыхуиlэщ).
     
    Сабырым и щlагъ дыщэ пщlащэ щlэлъщ.
     
    Сакъ и анэ гъыркъым.
     
    Си ныбэ изщ жыпlэу гъуэмылэншэу уемыжьэ.
     
    Си хьэ дзакъэркъым, сиш уэркъым жумыlэ.
     
    «Си хьэр делэ хъуащ» жыпIэмэ, жылэм уфlаукIынщ.
     
    Сомыр кlэпlейкIэ-кlэпlейкlэу зэхэлъщ.
     
    Сопlащlэ жыпlэу, шы лъэхъа умышэс.
     
    Судым шыфэ псэу иплъхьэмэ, вакъапхъэ къипхыжыркъым.
     
    Сымаджэм щхьэкlэ ерыскъыфlыр хущхъуэщ.
     
    Таучэлым былым хэлъщ.
     
    Тэмакъкlэщlыр хущlогъуэж.
     
    Тэмакъкlыхьыгъэр насыпыфlагъэщ, тэмакъкIэщlыгъэр насыпыншагъэщ.
     
    Тхылъыр щIэныгъэм и Iункlыбзэщ.
     
    Тыншу упсэун ухуеймэ, умыдыгъуэ, умыфыгъуэ, умынэпсей.
     
    Т1у зэпсалъэмэ, уабгъэдэмыхьэ.
     
    Т1ум зэдащlэр щэхущи, щым зэдащlэр нахуэщ.
     
    УанэкIэм нэхърэ уаер нэхъ благъэщ.
     
    Уэ уезэшми, уиш зегъэгъэпсэху.
     
    Уэздыгъей фlыцlэ дгъэблати, вагъуэ зэрыблэкlэ тхъуэжащ.
     
    Уэс ужьыпкъэм къапхъэн умыдзыж. («Уэшх блэкlам щlакlуэ кIэлъумыщтэж» жыхуаlэм и мыхьэнэгъущ).
     
    Уэшх блэкlам щlакlуэ кIэлъумыщтэж.
     
    Угъуэщэн ухуэмеймэ, зыплъыхь, ущыуэн ухуэмеймэ, упщlэж.
     
    Удафэ и акъыл ирефыж.
     
    Удыгъуэмэ, угъуамэщ.
     
    Удын гуауэр мэгъущри, псалъэ гуауэр гъущыжкъым.
     
    Уемыгупсысу псэлъэнри тумыгъэпсыхьу ууэнри зыщ.
     
    Уемызэш, умышыни лlы ухъунщ.
     
    Уемыш, уемызэши уи Iуэху хъунщ.
     
    Уефэми, умыудафэ.
     
    Ужьмэ, жьы хуэдэ щыти, ущIэмэ, щlэ хуэдэ щыт.
     
    Узэпэгэкlыр къопэгэкlыж.
     
    Узэралъагъуу уафlощI, узэрафIэщlу уалъытэ.
     
    Узэрихьэлlэ шхыныфIщ.
     
    Узэрымыса бысым умыуб.
     
    Узэрымытым зумыгъэфIыкI.
     
    Узэуэр къоуэж.
     
    Узэчэнджэщын умыгъуэтмэ, уи пыlэ гъэтIыси ечэнджэщыж.
     
    Узэщэ иэхърэ узэтэ.
     
    Узигъусэм и фэ къуаплъ.
     
    УзыгъэтIыс уиубыжыркъым.
     
    УзыдэмыкIуэжын ущыщымыуэ. («А зэм узэралъэгъуам хуэдэу ущыту уафIэщIынущ» жыхуиIэщ).
     
    Узыдэмыхьэ къуэладжэ лы дэзщ.
     
    Узыдэмыхьэ къуэладжэ хъуныфlэщ.
     
    Узым здэбгъэшмэ, узыlэпешэ.
     
    УзымыIэтыну къудамэм утемыувэ.
     
    Узыпэмылъэщынум зэпэщlумысэ.
     
    УзытекIуэм пэкIум уахегъэн. («Фащэм, щыгъыным щысхьын хуейщ иужькIи цIыхум уарихыхьэн щхьэкIэ» жыхуиIэщ).
     
    УзытелIэ нэхърэ къыптелIэ.
     
    Узытемыса шырэ уи мыгъуса лIырэ ик1и ущымытхъу, икIи умыуб.
     
    Узыхэдэн щымыIэмэ, щыIэр къыхэх.
     
    Узыхэтым ещхьу зыхуапэ.
     
    Узыхэтым уемыкIумэ, уи унэ умыкIуэж.
     
    Узыхэфыжыну псым ухэмыубжьытхэ.
     
    Узыхьыну псым здегъэзых.
     
    Узыщыдыхьэшх къыпщодыхьэшхыж.
     
    Узыщымыгугъын ущыгугъмэ, пхъашэ гъуэгу урижэнщ. («Гугъу уехьынщ» жыхуиIэщ).
     
    УзыщымыкIуэжынум ущымыуэж. («Уи Iуэху щымыхъужынум ущымыкъайгъэж, зыщумыхъунщlэ» жыхунIэщ).
     
    Узыщымыгугъын ущыгугъмэ, уи гурыгъ ижынщ.
     
    Узыщымысхьри уимыIэххэри зэхуэдэщ.
     
    Уи адэ-анэ яхуэпщI нэмысыр уи бынми къыпхуащIыжынщ.
     
    Уи анэ зыуб уи щхьэ дэгъэсыс. («Пэж жызыIэм дыжыlэ» жыхуиIэщ).
     
    Уи анэ къобэнми зромыгъэуд.
     
    Уи анэ къыбжиIэм едэIу, уи адэ къыбжиIэр гъэзащIэ.
     
    Уи анэр фIыуэ плъагъумэ, анэкIэ нэгъущIым уемыхъуэн.
     
    Уи анэр Iейми, нэхъыфI бгъуэтынкъым.
     
    Уи былым и уасэ умыщIэжмэ, бэзэрым ху.
     
    Уи гуащIэ еплъи, уи лъэ гъэбакъуэ.
     
    Уи гур зыхуеIэм уи Iэр лъоIэс.
     
    Уи гъунэгъур бзаджэмэ, щIы хущынэ.
     
    Уи дагъуэр къыбжезыIэр уифIщ, плъагъуу зыбзыщIыр уи бийщ.
     
    Уи делэ бгъэкIуэмэ, уи Iуэху мэкIуэд.
     
    Уи делэ хьэщIапIэ умыгъакIуэ.
     
    Уи жыIэ уи IуэхукIэ гъэдахэ.
     
    Уи жьэ ухуэмысакъмэ, уи дыкъынэ кIапсэ щегъэлъадэ.
     
    Уи жьэ зэсэмэ, уи нэмыс мэкъутэ.
     
    Уи жьэ зэтепхыным и пэкIэ уи нэр зэтех.
     
    Уи жьэр инрэ уи щхьэр цIыкIумэ, уунэхъуащ.
     
    Уи закъуэ ушхакIэ уи Iупэ адрейхэр ебзеину?
     
    Уи ин жеIэ, уи цIыкIу гъэдаIуэ.
     
    Ун ин жиIэнщ, уи цlыкlу иlуэтэжынщ.
     
    Уи къару еплъи, уи хьэлъэ здэщтэ.
     
    Уи къарур пхуримыкъумэ, уии акъыл гъэлажьэ.
     
    Уи кlэ зэрымыкIынум уи щхьэ иумыlу.
     
    Уи лlыгъэ къимыхьар уи насып къремыхь.
     
    Уи мыбылым былым пхуэхъункъым.
     
    Уи мыгъусэ уи лъатэпс иумыгъапхэ.
     
    Уи мыгъусэ уи фэнд щхьэlу иумыгъапхэ.
     
    Уи мыщауэгъу гъусэ умыщI.
     
    Уи напщlэ темылъ тумылъхьэ.
     
    Уи нэ гъаплъи, уи лъэ гъэув.
     
    Уи ныбэ гъэгъун, уи гугъуфI егъэщI.
     
    Уи псалъэ гъэлъапlэ. («Мыхьэнэ зимыlэ псалъэ жумыlэ» жыхуиIэщ).
     
    Уи псалъэ гъэмащlэ, уи фlыщlагъэ гъэкуэд.
     
    Уи псалъэ гъэIэси, уи нэмыс гъэбыдэ.
     
    Уи пэшэгъу и фэ къыптоуэ.
     
    Уи пыlэкlэ къодауэми хабзэ хуэщIэ.
     
    Уи тепlэн еплъи, уи лъэ укъуэдий.
     
    Уи фlым иумытыр мафlэм уфIес.
     
    Уи хъуэрыбзэ зымыщlэм уи гухэлъ жумыIэ.
     
    Уи цlэ лъапlэр уимыlэж нэхърэ ущымыIэжыныр нэхъыфIщ.
     
    Уи шхын нэхърэ уи нэщхъ.
     
    Уи шым ижынур пщIэжын хуейщ.
     
    Уи щхьэ нумыпэсымкlэ нэгъуэщlым ухуэмыупсэ.
     
    Уи щхьэ мыузу боз нумышэкI.
     
    Уи щхьэ темылъ тумылъхьэ.
     
    Уи щхьэ хуэпщlыжыр уи нэмысщ.
     
    Уи щхьэ ущымытхъуж, уфIмэ, укъалъагъунщ.
     
    Уи щхьэ хъумэ, си хъыджэбз. (Унафэр пхэнжу зыгурыlуэм ауаныщIу хужаIэ).
     
    Уи щхьэдэхыгъуэр бгъэлъахъшэмэ хэти къыщхьэдэхынщ.
     
    Уи щхьэр уи Iэкlэ эыфlумыхыж.
     
    Уи lей щIэпхъумэу уифI умыгъэхьэкъуэ.
     
    Уи Iэмыщlэ имылъым ущымыгугъ.
     
    Уи lыхьэ зыlэрыгъэхьи, итlанэ зыгъэгусэ.
     
    Уи Iуэху гъэфlи IэфI уащыхъунщ.
     
    Уифl иумыпэсыр уи тхьэ къуипэскъым.
     
    Укъащтэу ныбжьэгъу хьэшхыпlэ къыумынэ.
     
    Укъыдэнэжми, зэ къоплъыгъуэкIэ узышэм удэмыкIуэ.
     
    Укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ. («Япэ зэрызыбгъэлъагъуэщ» жыхуиIэщ).
     
    УкъыкIэрыху нэхърэ гупхэ тIысыпIэ.
     
    Укъыщалъхум псори гуфIащ, ущылIэжкIэ зыхуэбгъагъыжыфмэ.
     
    УкIытэ зиIэм насып иIэщ.
     
    УкIытэмрэ нэхъуеймрэ цIыхугъэм и дамыгъэщ.
     
    УкIытэншэ пэшэгъу умыщI.
     
    Улъэсу шум ущIэмынакIэ.
     
    УлIмэ, уи щхьэ ущымытхъу, уфIмэ, жылэр къыпщытхъунщ.
     
    УлIмэ, улIэнуми, уи псалъэ гъэпэж.
     
    УмэжалIэкIэ къыппэщIэхуэр иумыгуэ, узэгуэпкIэ къыбжьэдэхуэр жумыIэ.
     
    УмыгъэтIылъ къэпщтэжыркъым.
     
    Умылъэгъуам щыхьэт утемыхъуэ.
     
    Умылъытэр уимыlэ пэлъытэщ.
     
    УмыщIэм ущIэупщIэныр емыкIукъым.
     
    Унагъуэ умыхъуу къуажэ зумыщI.
     
    Унафэ пщIын ипэкIэ егупсыс.
     
    Унэ мыпхъэнкIри пхъэнкIий имыдзри зыщ.
     
    Унэм ущымылIыхъужь, губгъуэм ущымыкъэрабгъэ.
     
    Унэм зыщыгъаси, хасэм яхыхьэ.
     
    Упсэумэ, пшхын бгъуэтынщ. («Умыгужьей» жыхуиIэщ).
     
    УпIащIэмэ, уогувэ.
     
    УпщIалэ и былым кIуэдыркъым.
     
    УпщIэ щIэщхъуркъым, щIэщхъу щIэнэркъым.
     
    УпщIэ IупщIэ хэлъкъым. («УмыщIэм ущIэупщIэным eмыкlу хэлъкъым» жыхуиIэщ).
     
    УфIмэ, цIыхум укъащIэнщ.
     
    Ущакъуэ нэхърэ утакъуэ. («ИмыуасэкIэ пуду пщэ нэхърэ, птымэ нэхъыфIщ» жыхуиIэщ).
     
    Ущымытхъущэ - пхуэубыжынкъым.
     
    Ущысу укъэзымылъагъум утэджкIэ укъилъагъункъым.
     
    УщIалэмэ, щIалэ хуэдэ щыт, удадэмэ, дадэ хуэдэ щыт.
     
    Фадэм тeкIya щыIэкъым.
     
    Фадэр зи ныбжьэгъум жып гъуанэ щIэтщ.
     
    Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ.
     
    ФэкIэ зызыщIыр къупщхьэм къыхуонэ.
     
    Фэм темылъ тумыдэ . («ФэрыщIу ущымыт» жыхуиIэщ).
     
    Фыгъуэнэдрэ фэндыжь гъуарэ.
     
    Фыгъуэр мыгъуэ мэхъу.
     
    Фызтехрэ т1эу хеящ1эрэ умыщ1э (Х е я щ 1 э - судыщIэ. «Судыр щыфщIэкIэ мыкъутэжыну, етIуанэу къэвмыIэтыжын хуэдэу зэ щIэгъуэу фщIэ» жыхуиIэщ).
     
    Фызым езауэр фызщ.
     
    ФIэхъус лей хъуркъым.
     
    ФIы зыхуэпщIэм иумыхъуэныж.
     
    ФIы зыщIэ упщIэжрэ?
     
    ФIы зыщIэр фIы IуощIэжри, Iей зыщIэри Iей IуощIэж.
     
    Ф1ы пщ1ауэ ущ1эмыфыгъуж. ФIы щIэи, псым хэдзэ. («ФIыщIэ имыщIми хуэщIэ» жыхуиIэщ).
     
    ФIым илъэгъуар еIуэтэж, Iейм итар жеIэж.
     
    ФIым уригъусэмэ, фIы уохъу, Iейм уригъусэмэ, Ieй уохъу.
     
    ФIыр умыцIыхумэ, нэхъ лъапIэр къыхэх.
     
    Хабзэ лъэIукъыми, Iy махуэ Iуэхутхьэбзэркъым.
     
    Хабзэжь хэкужь къранэркъым.
     
    Хабзэм къемызэгъыр и бийщ.
     
    ХабзэмыщIэ емыкIухьщ.
     
    ХабзэмыщIэ щIыкIейщ.
     
    Хабзэр бзэгупэкIэ кърахьэкIыркъым.
     
    Хабзэр убзэ зыфIэщIым хуэпщIэнум и ныкъуэр къегъанэ.
     
    Хабзэр убзэнкъым, къалэныр улынкъым.
     
    Хабзэр убзэнкъым, къалэныр Iулъхьэнкъым.
     
    Хэдэ мэдакъуэри, хэпхъуэ IыхьэфIэщ.
     
    Хэдэ мэдакъуэри, хэплъэ мэплъакъуэ.
     
    Хэдэ мэдэхъу.
     
    Хэплъыхь Iыхьэншэщ.
     
    Хуэмыху и гъуэншэдж щах. («Умыхуэмыху» жыхуиIэщ).
     
    «Хъуащ» жаlа нэужьи зэ егупсысыж.
     
    Хъуэр зымыщIэм хъуэрыбзэ жумыlэ.
     
    Хъуэхъукlэ узэxыхьэу, хъуэнкlэ узэхэмыкIыж.
     
    Хъумпlэцlэджыр бзум зыпищlыжу лъатэри къуанщIэхэм яшхащ.
     
    Хъушэм къакlэрыхуа мэлыр дыгъужьым пэщlохуэ.
     
    Хьэ закъуэрэ лIы закъуэрэ уатемыгушхуэ.
     
    Хьэ пэтрэ дахэ и щIасэщ.
     
    Хьэ хей умыукI, фыз хей иумыгъэкlыж.
     
    Хьэдэр куэдрэ зепхьэмэ, мэ щоу, Iуэхур куэдрэ зепхьэмэ, мэлъахъэ.
     
    Хьэджафэ банэркъым, лъхукъуэщо хъуанэркъым.
     
    Хьэм и кIэм утеувэмэ, къодзакъэ.
     
    Хьэпшыпышхуэ умыдзи, псалъэшхуэ умутlыпщ.
     
    ХьэфI дэплъейр хьэфI мэхъури, шыфI дэплъейр шыф1мэхъу.
     
    Хьэху хьэхутыж умыщI.
     
    Хьэху яхь щыlэщи, хьэху хьыж щыIэкъым.
     
    Хьэхурэ щIыхуэрэ зэIахыу хабзэжьщ.
     
    ХьэщIапlэ укlуэн уфIэфIмэ, хьэщIэу къыпхуэк1уэр гъафlэ.
     
    ХьэщlапIэ ущыIэмэ, къыпхуащI уи унафэщ.
     
    ХьэщlапIэрынэр емыкIущ.
     
    ХьэщIэ гъунэгъу нэхърэ хьэщlэ жыжьэ нэхъ лъапlэ.
     
    ХьэщIэ къашэ щыIэщи, хьэщIэ ишыж щыIэкъым.
     
    ХьэщIэ къэкlуэнущ жыIи, гъэтlылъ, куэдрэ щылъа жыпIэу умышх.
     
    ХьэщIэ лей щыIэкъым.
     
    ХьэщIэ щIалэ щыIэкъым.
     
    ХьэщIэр гъафlэ, цlыхуфIыр лъытэ.
     
    Хьэщlэр куэдрэ исмэ, шхуэдыгъу мэхъу. («ХьэщIапIэ укIуэмэ, куэдрэ ущымыIэ - eмыкIy къэпхьынщ» жыхуиlэщ).
     
    Хьэщlэр мэлым нэхърэ нэхъ Iэсэщ.
     
    Хьэщlэр япэ махуэм дыщэщ, етIуанэ махуэм дыжьынщ, ещанэм аршавщ, еплlанэм напэншэщ.
     
    Хьэщlэу къыпхуэкlуамэ, уи жагъуэгъури ныбжьэгъущ.
     
    Хьэщlэ къакIуэм, насыпи къыдокlуэ.
     
    Хьэщlэщ хъыбаррэ дауэ хъыбаррэ уаримыпсалъэ.
     
    Хьилмым и пэр зэзым хуэдэу дыджщ, и кlэр фом хуэдэу IэфIщ. 
     
    ЦIыхугъэншэм удэпсэу нэхърэ цlыхугъэ зиIэм удэкIуэд.
     
    Ц1ыхум и цlэр езым зыфlещыж. («Ц1ыхум и дуней тетыкIэм хуэдафэ къраплъ» жыхуиIэщ).
     
    Ц1ыхум пщlэ хуэпщIмэ, уи щхьэщ зыхуэпщlыжыр.
     
    Ц1ыхум фlыуэ ялъагъур насыпыфlи мэхъу.
     
    Ц1ыхур лIэмэ, и цlэр къонэри, выр л1эмэ, фэр къонэ.
     
    Ц1ыхуp нэмысыфIэмэ, фlэлlыкl иIэщ.
     
    Ц1ыхуp уи щхьэ еплъытмэ, eмыкly къэпхьынкъым.
     
    Ц1ыхуp япэкlэ плъэн хуейщ.
     
    ЦIыхуфI и тхьэкIумэ дэгущ. («EмыкIy зыхэлъ псалъэ зэхихкъым» жыхуиlэщ).
     
    ЦlыхуфI и фlыщlа ихъуэныжыркъым.
     
    Чэнджащэ щыуэркъым.
     
    Чэнджащэ Iуэщхъукъым, упщlэ щlэщхъукъым.
     
    Шэ цIывами гу шынамкlэ зегъазэ.
     
    Шэрэ лъырэ зэхакIэркъым.
     
    Шэхур хуабэу яхуз, фызыр щlалэу ягъасэ.
     
    Шу закъуэщ жыпlэу утемыгушхуэ, гупышхуэщ жыпlэуи уащымышынэ.
     
    Шу хьэщlэр ягъэшэсыж, лъэс хьэщlэр пщIантIэм дашыж.
     
    Шу щтар куэдрэ умыху.
     
    Шхын нэхърэ шхалъэ.
     
    Шы хъуэжалэ и уанэ пылъапIэм пелъэж.
     
    Шыгъупlастэм уемылъапэуэ.
     
    Шыдыр удафэмэ, тало мэхъу.
     
    Шым епсыхыу шыдым шэскъым.
     
    Шым еуи дыхьэ, елъэдэкъауи къыдэкlыж.
     
    Шым уеуэмэ, масэри, вым уеуэмэ, мэсэхъу.
     
    Шыр птымэ, шхуэри дэщlыгъу.
     
    Шыр увы1амэ, уемыуэ.
     
    Шыуаным илъыр зымышхыжынур гуэным илъым тогyжьеикI.
     
    Шыцуэс укъесу узэрысым уимыкI. (Шыцуэс къесмэ, уае хъунущ, жари аращ).
     
    Шыщхьэр пlэщIэкIмэ, шыкIэм укIэлъымыбэнэж.
     
    Щакlуэ кlуэгъуэм хьэ япIыркъым, гузэвэгъуэм п1у къахьыркъым. (П 1 у р -къан).
     
    Щауэр зыгъэщауэр гуащэщи, гуащэр зэрыгуащэр и щэнщ. (Г у а щ э - унэгуащэ, фыз).
     
    Щауэмыхъу жьантlакlуэщ.
     
    Щэныншагъэр узщи, Iэзэгъуэ зимыlэр делагъэщ.
     
    Щэху жыпIэнумэ, унагъуэм исыр гъэтlыси Iуатэ.
     
    Щэху зыхуэмыущэхур лlы ныкъуэщ.
     
    Щхъуэ зезыхьэм Iыхьэ щанэр лъосыж.
     
    ЩхьэзыфlэфI лъагъугъyейщ.
     
    Щхьэкlуэ зышх щхьэ шхыгъуэ йохуэ.
     
    Щхьэкlуэ мыдэ кlуэдыгъуафlэщ.
     
    «Щхьэр къэхь» жаIэмэ, пыlэр къахь.
     
    Щхьэр псэумэ, пыlэ щыщlэркъым.
     
    Щхьэмыж закъуэми джэд хулъэ егъэнщI.
     
    Щхьэщытхъу псори пцlыупсщ.
     
    Щыгын хьэху нэхърэ щыгъын фаджэ.
     
     
    Щыгъынибгъу нэхърэ теубгъуэн. («Щыгъын куэд уиlэ нэхърэ тепIэнщIэлъын» жыхуиIэщ).
     
    var container = document.getElementById('nativeroll_video_cont'); if (container) { var parent = container.parentElement; if (parent) { const wrapper = document.createElement('div'); wrapper.classList.add('js-teasers-wrapper'); parent.insertBefore(wrapper, container.nextSibling); } }
    Поиск
    Мини-чат
    300
    Календарь
    «  Март 2024  »
    ПнВтСрЧтПтСбВс
        123
    45678910
    11121314151617
    18192021222324
    25262728293031

    Copyright MyCorp © 2024 | Конструктор сайтов - uCoz