- Дэхэнагъо ихъишъ(Еджэркъое тхьалъэусэ)Сага о Дахонаго (нартский эпос адыгов)Текст отпечатан с помощью компьютерного шрифта буквенно-слогового черкесского алфавита* * *
568. ТХЬЭГЪЭЛЫДЖ И МЭШЫМ И НЭГУ ЩIЭЛЪАР ЩIЭКIАЩ
(Адыгэ хэкум ис къ. Кощхьаблэ щатхыгъэ текст)
Тхьэгъэлыджрэ и къуэмрэ мэш трасэри къэкIуэжащ. Зьжъом дэкIауэ и къуэр игъэкIуащ игъэплъэну. И къуэр мэзым еплъри къэкIуэжри жиIащ:
— Ди мэшыр икъукIэ бэгъуащ, мэш бэв къытетхынущ мы гъэм, — жиIэри.
А мэшым зыгуэр и нэгу щIэлъщ,- жиIащ Тхьэгъэлыдж.
Зыкъом дэкIри аргуэру Тхьэгъэлыджым икъуэр игъэкIуащ мэшым, игъэплъэну.
Тхьэгъэлыдж и къуэр кIуэщ, еплъри къэкIуэжри жиIащ:
— Ди мэшыр бэгъуат, ауэ зы къру гуп къеуэсауэ ди мэшыр хьэлэч ящIыр, яшхыр, — жиIэри.
— А къру гупым зыгуэр я нэгу щIэлъщ, — жиIащ Тхьэгъэлыдж. Ауэрэ, зы зэман дэкIри, ещанэу Тхьэгъэлыджым и къуэр мэшым игъэкIуащ. Тхьэгъэлыдж и къуэр мэшым еплъащ, къыгъэзэжри къэкIуэжри ядэм жыриIэжащ:
— Ди мэшым къеуса къру гупыр зы щакIуэ гуэурым къищIауэ зэтреукIэ, хьэлэч ещI, — жиIэри.
— А щакIуэм и нэгу зыгуэр щIэлъщ, — жиIащ Тхьэгъэлыдж. ЕкIуэкIыурэ, зы зэман дэкIауэ, Тхьэгъэлыджым и къуэр мэшым игъэкIуащ.
— КIуэи иджы зэ къаплъэ ди мэшыр зэрыхъуам, — жиIэри. Тхьэгъэлыдж и къуэр кIуэщ, мэшыр зыригъэлъагъури къигъэзэжри ядэм жыриIэжащ.
— Ди мэшым къеуса кърухэр къэзыукIыу щыта щакIуэм и шабзэр IэщIэуэжри зиукIыжащ, ди мэшри хуабжьу бэвщ, — жиIащ.
— Ди мэшым и нэгу шIэлъар щIэкIащ, — жиIащ Тхьэгъылэдж.