Вторник, 19.03.2024, 10:55
| RSS
Главная | Регистрация | Вход

Меню сайта
Наш опрос
Дэнэ фыздэщыщхэр
Всего ответов: 419
Другие сайты
  • ГРТК "Адыгея"
  • Адыгэ хэку
  • Вести КБР
  • Elot.ru
  • Адыги
  • ХЪУЭХЪУХЭР

    Хъерхэр зи бащэу зи дагъэр маехэ, щэуэ фыбагъуэ!


    Мы 1энэр къыщыщта унагъуэр
    Уардэ унэжьу,
    Выжьхэр щаук1ыу,
    Гъэлъэхъу ук1ып1эу,
    Ик1ым кърихьэу,
    Къихьэм къринэу,
    Уардэ унэ зэтесу,
    Хьэщ1э епсыхып1эу,
    Пхъэм и махуэр я бжаблэу,
    Бланэлыр я 1усу,
    Бланафэр я унащхьэбгъэну,
    Зы губгъэни ямы1эу,
    Гъэмин унагъуэ тхьэм ищ!

     

    Здэхуем уи 1эр лъэ1эсыу,
    Зыхуер уи псэм игъуэтыу,
    Уиф1эф1 уи нэм илъагъыу,
    Узыншагъэр уи куэдыу,
    Уи нэсыпыр - нэсыпышхуыу,
    Уи лъагъуныгъэр,лъаггъуныгъэ дахэу Тхъэм къуит!

     

    Щауэишыж хъуэхъу
    Уей ди шынэхъыщ1эу
    Л1эщыгъуэр зей
    Баже уещэм,
    Щыхь къэбук1ыу,
    Хъык1э уещэм,
    Дыщэ къихъуэу,
    Уи ныбжьымрэ
    Уи бжьыгъуэмрэ к1ыхь ухъу!

     

    Нобэ жьыи-щ1эи
    Мыбы гугъу дехьам:
    Фи гъащ1эр к1ыхьу,
    Фи намысыр лъагэу,
    Фи насыпыр кууэ,
    Фи акъылыр хурикъуу,
    Гухэхъуэр фи куэду,
    Фадэбжьэр зефхьэфу,
    Пшэрыхьри вгъэвэфу,
    Тхьэм фигъэпсэу!

     

    Гъэ минк1э ирепсэу
    Унагъуэу дыщыхъуахъуэм:
    Фызибгъум шатэр зэ1ащ1эу,
    Фызыпщ1ым джэдыр зэдахъуу,
    Я чейр зэгуэзыудыр я фадэу,
    1энэр зыкъутэр я шхыну,
    Зэпымычыжыр я хъуэхъуу,
    Уэрэд жызы1эр я хъыджэбзу
    Имызу псалъэр я нысэу
    Я маисэр я к1э къуагъ къуэлъу
    Вагъуэм хуэдизыр я щ1алэу
    Гуэлым хуэдизыр я гъэшу
    Мыувы1эжыххэр я щхьэлу
    Къеблэк1ар я афэу,
    Домбеяфэр я бгъэну,
    Зы губгъэни ямы1эу,
    Я нэхъыжьым
    Дзажэ дакъэр я 1усу,
    Я сэр лыжьым къы1уигуэу,
    Я хугум пшатхъуэ трихьэжауэ,
    Я нысащ1эхэм
    Дарий к1апхынк1экъак1ухьу,
    Гъэ минк1э ирепсэу мы унагъуэр!

     

    Пщ1ыхьэп1э зылъэгъуам зэрехъуэхъу:
    Хъер ухъу!
    Пщыхьэп1э махуэ ухъу!

    Ц1ыху къыщепск1э жра1эр:
    Ныбжь зи1э къепсамэ, нэхъыщ1эр мэтэджри «Жьыщхьэ махуэ ухъу!» жре1э
    Жьы мыхъуа нэхъыжь къепсамэ, Нэхъыщ1эр мэтэджри «Упсэу» Насыпыф1э ухъу!» жра1э;
    Нэхъыщ1э е ныбжьэгъу къепсамэ мытэджу «Упэсу, гъащ1э к1ыхь ухъу! жра1э.
    Узыдэгушы1эхъун щысмэ, «Хьэтх утесу псафэ ук1уэ!» жа1э.

     

    Нэщ1ик1ыж хъуэхъу:
    Ет1анэгъэ ф1ык1э уныс!
    Уи нэщ1ри уи нэмэзри къабыл тхьэм ищ1!

    Гуауэ зи1эм зэрыхуэгузавэ:
    Тхьэм пщимыгъэгъупщэк1э.
    Тхьэм ук1элъигъэпсэу!
    Жэнэтыр унап1э тхьэм хуищ!
    Дунеягъэк1э къэмыхъуэпсэн тхьэм ищ1!
    Здэк1уам тхьэм щигъэтынш!
    Дыхуэарэзыщ, тхьэр арэзы къыхухъу!
    Тхьэм жэнэтк1э игъэгуф1э!

    Зыгуэр зыф1адыгъуамэ зэрыхуэгузавэ:
    Тхьэм щ1имыгъанэк1э!
    Уи насып тхьэм химыхк1э.
    Тхьэм къыпхилъхьэж.

     

    Гъавэр ди бэву
    Хадэ бэвыр ди нат1эу
    Ди щ1эныгъэр къэралым яджу
    Ди насыпым бжыгъэ имы1эу
    Ди1э ф1ыгъуэр тхуэбагъуэу
    Нэхъыжь 1эщ1агъэр нэхъыщ1эм яджу
    Дызэчэнджэщу, дызэдэлажьэу
    Лэжьыгъэм хъерыр къытхуихьу
    Ди гъащ1эр дахэу,
    Дыгъэр къытхуэгуф1эу
    Ф1ыгъуэр щыбатэу
    Хъуэхъу жыт1эр псоми тхуэмахуэу
    Гъэ мин 1эджэ дгъэщ1эну
    Дэ абык1э дохъуахъуэ!

    Поиск
    Мини-чат
    300
    Календарь
    «  Март 2024  »
    ПнВтСрЧтПтСбВс
        123
    45678910
    11121314151617
    18192021222324
    25262728293031

    Copyright MyCorp © 2024 | Конструктор сайтов - uCoz